"Хэт нэхъ лъэщ?" - адыгэ таурыхъ.
Описание
Таурыхъым къоджэ Хьэбэз Лицейм щеджа сабийхэр
ХЭТ НЭХЪ ЛЪЭЩ?
Зы зимы1эм выжьит1 и1эти, кърихуэк1ыурэ мылым трихуащ.
Ц1антхъуэри выжьит1ым и бжьэр триудащ.
- Уа мыл, улъэщ-улъэщ? - еупщ1ащ зы зимы1эр мылым.
- Сылъэщмэ, дыгъэм сегъэтк1ури, - жи1ащ мылым.
- Уа дыгъэ, улъэщ-улъэщ? - еупщ1ащ дыгъэм зы зимы1эр.
- Сылъэщмэ, пшэм сыщ1елъафэри.
- Уа пшэ, улъэщ-улъэщ?
- Сылъэщмэ, уэшх къысф1ошхри.
- Уа уэшх, улъэщ-улъэщ?
- Сылъэщмэ, щ1ым сызыщ1ефри.
- Уа щ1ы, улъэщ-улъэщ?
- Сылъэщмэ, удз къысф1ок1ри.
- Уа удз, улъэщ-улъэщ?
- Сылъэщмэ, мэлым сехъури.
- Уа мэл, улъэщ-улъэщ?
- Сылъэщмэ, пщым сешхри.
- Уа пщы, улъэщ-улъэщ?
- Сылъэщмэ, си щ1опщ тхьэмпэр дзыгъуэм сф1егъури.
- Уа дзыгъуэ, улъэщ-улъэщ?
- Сылъэщмэ, джэдум сешхри.
- Уа джэду, улъэщ-улъэщ?
- Ахьейми сылъэщ: зэгъунэгъуибгъум я шатащхьэр яф1ызошхри гуащэм и дарий щхьэнтэм сыщожей, - жи1ащ джэдум.
Рекомендуемые видео



















